29/08/2020
Джэгум теухуауэ 🤝🏻
Нысашэ джэгум кърихьэлIахэм утыкур хъурей ящI. Абы хэтхэм дэтхэнэ зыми и увыпIэрэ щытыпIэрэ иIэжщ, жыпlэмэ ущыуэныукъым. ПщIантIэм дэт унэшхуэм и гупэм деж цIыхубз тIорысэхэмрэ ныуэжьхэмрэ екIуэкIыу щысщ, абы къащхьэщытщ унэ ихьа, щхьэгъусэ зиlэ фызыкухэмрэ нысащIэхэмрэ. Абы я ижьырабгъум къихуэу хъыджэбзхэр еувэкIащ, хъыджэбзхэм къакIэлъыкIуэу цIыхухъу хьэщIэхэр щытщ, абы я бгъум деж пшынауэ, пхъэцIычауэ, шыкIэпшынауэхэр щысщ, утыкур хъурей ящIу, абыхэмрэ фызхэмрэ я зэхуакум щlалэrъуалэр дэтщ. «Ууей гупым» ухэкIыу нэгъуэщIхэм уахыхьэмэ, eмыкIуy къэпхьыныр бетэмалщ. Ар псори хэгъэрей щlалэхэм зэхагъэкI, зэрагъэзахуэ.
Утыкур зейр дэжьей баш гъэщIэрэщIа зыIыгъ хьэтеякIуэрщ (шапсыгъхэм джэгуакIуэ жаIэ). Абы имыщIэу зыгуэр утыкум икlэрахъуэмэ, башымкlэ къыкъуалъхьэным хуэIуа щыIэкъым. ДжэгуакIуэм и дэlэпыкъуэгъуу хэгъэрей хъыджэбзитI иIэщ. Ахэм я пщэ къалэнышхуэ илъщ. Джэгуакlуэм къафэну хуит ищIа щIалэр утыкум къихьа иужькIэ а хъыджэбзитIым абы къыдагъэфэну пщащэм и IэщхьитIыр яIыгъыу адрей хъыджэбзхэм къыхашри утыкум кърашэ. Къафэн щIадзэн ипэкIэ щlалэмрэ хъыджэбзымрэ зэблокI, Я сэмэгурабгъур зэтауэ. Итlанэ, дэтхэнэ зы адыrэ джэгуми хуэдэу, къафэну щlадзэ гъуэрыгъуурэ щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэкIэлъыкIуатэгъуищ ящlри, итIанэ жьы щlэту, ауэ кIэлъыкlуатэшхуэ хэмыту блэкIыгъуищым фlамыгъэкIыу къофэ.
Къэхъурт, дауи, утыкум къраша щlалэр е къэмыфэфу, е зы щхьэусыгъуэ гуэр щхьэкIэ къафэ мыхъуу. Абы щыгъуэ а щIалэм джэгуакIуэм и дэIэпыкъуэгъу хъыджэбзитIым къыхудаша пщащэм бгъэдыхьэу lэ ижьымкIэ абы и дамэ сэмэгум щабэу теIэбэн хуейт: «НасыпыфIэ yxъy», - жиlэу. Арыншамэ, а щlалэм и ныбжьэгъухэр е езы щlалэр джэгуакIуэм (хьэтеякIуэм) игъэпшынэнут, хъыджэбз утыкум кърашам и жагъуэ зэрищIам щхьэкIэ.
_______________________
#джэгуак1уэхэр #джэгуак1уэ #хьэтик1уэ #хабзэнэмыс #хабзэрхъумэнхуещ #хабзэдахэ #хабзэхэр #джэгухабзэ #джэуак1уэгуп #адыгэджэгу #адыгэфащэ #адыгэхэку #адыгэ #нальчик #терек #черкес #черкесия #кабардинобалкарскаяреспублика #кабардинобалкария #къэбэрдей
♤♤♤♤♤♤♤♤♤♤♤♤kiamran
__